Черкесск къалэм И «Хьэпсырокъуэ К.-Г. Хь. и цӏэр зезыхьэ Гимназие № 9» МКОУ-м щекӏуэкӏащ КЪЧР-м ЩЫӀЭ МВД-м и Жылагъуэ советым хэт, Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн иерей Гурин Александр 10-нэ классхэм щӏэсхэм псэкупсэ-щэнгъасэ псалъэмакъ.
Ди адэ Александр школакӏуэхэм яхутепсэлъыхьащ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ я гурыӏуэныгъэхэм, хабзэм къемызэгъ лэжьыгъэ лӏэужьыгъуэхэм, мессенджерхэмрэ социальнэ сетхэмкӏэ щӏалэгъуалэр хабзэм къемызэгъ лэжьыгъэм зэрыхашэну щӏыкӏэхэм. Зэӏущӏэм къриубыдэу хьэл мыхъумыщӏэхэмрэ псалъэ мыхъумыщӏэхэмрэ я темэхэми я гугъу ящӏащ.
Щоджэным гулъытэ щхьэхуэ хуищӏащ буллингыр къэмыгъэхъуным, и ныбжьэгъухэм губжьауэ зэрахущытым папщӏэ жэуаплыныгъэм.
Псэкупсэ-щэнгъасэ унэтӏыныгъэхэм я гугъу щищӏым, ди адэ Александр ягу къигъэкӏыжащ Тхьэмрэ гъунэгъумрэ яхуиӏэ лъагъуныгъэм и унафэхэр. Инджылым щыщ щапхъэхэмкӏэ щоджэныр еджакӏуэхэм яхутепсэлъыхьащ ӏуэхуфӏхэм мыхьэнэшхуэ зэраӏэм, къэзыухъуреихьхэм набдзэгубдзаплъэу зэрахущытым.
Зэӏущӏэр щиухым школакӏуэхэм щоджэным яфӏэгъэщӏэгъуэн упщӏэхэр иратыфащ.