Щоджэныр Пятигорск къалэм И СИЗО № 2-м щыӏащ

22.11.2026
Просмотры: 6

Юцэ къуажэм и Къэзан члисэм и унафэщӏ, Пятигорск къалэм и СИЗО № 2-м и унафэщӏым фӏэщхъуныгъэ зиӏэхэм ядэлэжьэнымкӏэ и дэӏэпыкъуэгъу иерей Беляев Александр следственнэ изоляторым щыӏащ.
Щоджэным тхьэлъэӏу ищӏри, тутнакъэщым исхэм епсэлъащ. Ди адэ Александр тепсэлъыхьащ Тхьэм и Анэм И Къэзан тхьэнапэм и щӏыхькӏэ зэрагъэлъапӏэмрэ цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и Махуэмрэ.
Апхуэдэу щоджэным къыгуригъэӏуащ зиусхьэн хьисэ Мэссихь гадаринскэ жин бзаджэр зэригъэхъужам теухуа инджылым и пычыгъуэр. Ди адэ Александр къызэхуэсахэм ягу къигъэкӏыжащ гуэныхь зыпылъ ӏуэхущӏафэхэмкӏэ цӏыхум Тхьэм хуиӏэ пыщӏэныгъэр зэрызэтрикъутэр икӏи къыхуриджащ псэкупсэ зэгъэзэхуэжыныгъэмрэ гъащӏэм зэрызихъуэжымрэ хущӏэкъуну.
Хуейхэр хэтащ гуэныхьхэр ӏуэтэжыным и Щэхум.
Зэӏущӏэр щиухым тутнакъэщым исхэм хуагуэшащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и махуэшхуэм теухуа Синод миссионер къудамэм и буклетхэр.

6
Фотогалерея