КъБР-м и къэрал лъэпкъ библиотекэу Мэлбахъуэм и цӏэр зезыхьэм щекӀуэкӀащ «Этнографие диктантышхуэ» XI Дунейпсо узэщӏакӏуэ ӏуэхур.
Абы хэтащ апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цIэкIэ Налшык къалэм щыIэ члисэ зэхуэхьэсам и дин лэжьакӏуэхэр.
«Этнографие диктантышхуэ» илъэс къэс хэтхэр щыгъуазэ ещӏ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ икӏи къэралым и этнокультурэ зэмылӏэужьыгъуэ куэдым теухуа щӏэныгъэр къэпщытэнымкӏэ сэбэп мэхъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхур къыщызэригъэпэщащ КъБР-м лъэпкъ ӏуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкӏэ и министерствэм.