Черкесск къалэм И Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и дин лэжьакӏуэхэмрэ волонтёрхэмрэ дзэ операцэ хэхам хэтхэм я унагъуэхэм хьэжыщӏ кӏуэныр къыхузэрагъэпэщащ. Гъуэгуанэр екӏуэкӏащ «Хэкум и Хъумакӏуэхэр» фондымрэ Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым щаӏэ Комитетымрэ я дэӏэпыкъуэгъуу.
Хьэжыщӏ кӏуэхэр щыӏащ Шоанэ бгым тет Георгиевскэ члисэжьым, Усть-Джегут Дэт Архангел Михаил и члисэм, Красногорскэ станицэм дэт хъумакӏуэ чэщанэм, Кавказым и щхьэдэхыпӏэхэм я хъумакӏуэхэм я Музей-фэеплъым.
Гъуэгуанэм хэтахэм яхутепсэлъыхьащ а щӏыпӏэхэм я тхыдэм. Апхуэдэу хьэжыщӏ кӏуэхэм епсэлъащ цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и Махуэм и тхыдэмрэ и мыхьэнэмрэ теухуауэ.
Члисэхэм гъуэгуанэм хэтахэр тхьэ щелъэӏуащ дзэ операцэ хэхам и щӏыпӏэм щыӏэ зауэлӏхэм папщӏэ. Сабийхэм папщӏэ хьэуа къабзэм джэгухэр щрагъэкӏуэкӏащ. Гъуэгуанэр псоми я зэхуэдэ шхэгъуэкӏэ иухащ.
Хьэжыщӏ кӏуэныр траухуащ цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и Махуэм. Гъуэгуанэм унагъуэхэр щигъэгъуэзащ щалъхуа щӏыналъэм и тхыдэмрэ лъапӏэныгъэхэмрэ икӏи ӏэмал яритащ зэманыр зэгъусэу ягъэкӏуэну.