Щоджэныр ЩЫӀАЩ СВО-М и щӏыпӏэм щыӏэ дзэ къулыкъущӏэхэм

03.11.2026
Просмотры: 26

Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт и нэфӏ къыщыхуауэ Икӏи Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием и дзэхэм Я Кавказ Ищхъэрэ округым и унафэщӏым гурыӏуауэ протоиерей Филиппов Андрей тхьэмахуищкӏэ кӏуащ дзэ операцэ хэхам и щӏыпӏэм.
Росгвардием и Кавказ Ищхъэрэ округым и унафэщӏым фӏэщхъуныгъэ зиӏэ дзэ къулыкъущӏэхэм ядэлэжьэнымкӏэ и дэӏэпыкъуэгъу адэ Андрей дзэ частхэмрэ къудамэхэмрэ щыӏащ, цӏыху щхьэхуэхэм псэкӏэ защӏигъэкъуэн папщӏэ.
Дзэм къулыкъу щызыщӏэхэм я лъэӏукӏэ щоджэным Щэхухэмрэ члисэ хабзэхэмрэ илэжьырт, пастыр зэпсэлъэныгъэхэр иригъэкӏуэкӏырт, тхьэлъэӏухэр иригъэкӏуэкӏырт, ӏэщэхэр, дзэ техникэр, казармэхэр, къулыкъу пэшхэр игъэлъапӏэрт.
Ди адэ Андрей гулъытэ хэха хуищӏащ урысей Федерацэм зыхъумэжыныгъэмкӏэ и Министерствэм и госпиталхэмрэ лазаретхэмрэ щеӏэзэ дзэ къулыкъущӏэ уӏэгъэ хъуахэмрэ сымаджэхэмрэ. Щоджэныр зауэлӏхэм епсэлъащ, защӏигъэкъуащ, псэкӏэ игъэбыдащ.

26