Черкесск щытепсэлъыхьащ лъэпкъ куэду Зэхэт Урысейм и хабзэхэм

02.11.2026
Просмотры: 11

«Знание» Урысей зэгухьэныгъэм и проектым ипкъ иткӏэ Таджикистанымрэ Узбекистанымрэ я цӏыхухэм яӏущӏащ. Абы хэтащ цӏыху 35-м щӏигъу.
Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ Кавказ Ищхъэрэ къэрал академием терроризмэм и идеологием шынагъуэншагъэмрэ пэщӏэтынымкӏэ и проректор Кохов Азэмэт, Черкесск къалэм И Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик иерей Гурин Александр, Къэрэшей-Шэрджэсым и члисэ мэжджытым и ӏимам Семёнов Динислам сымэ.
Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ куэду зэхэт Урысейм и хабзэхэм, пщӏэ зэхуэщӏыным, жылагъуэм щекӏуэкӏ гъащӏэм и хабзэхэм.
"Урысейр къэралышхуэщ икӏи лъэпкъ куэду зэхэт къэралщ, лъэпкъи 190-м щӏигъум щыщхэр щопсэу. Къэрэшей-Шэрджэсыр зыми емыщхь щӏыналъэщ, тхыдэм къызэрыхэщыжымкӏэ, мамыру лъэпкъ, дин зэхуэмыдэхэм ит цӏыхухэр щопсэу. Мыбы лэжьапӏэм къакӏуэхэм къагурыӏуэн хуейщ хабзэ куу яхэлъу, пщӏэ зэхуащӏу жылагъуэм зэрыхыхьэр. Дэ ди къалэныр абыхэм зрагъэсэнымкӏэ, мыбы щагъэлъапӏэмрэ къемызэгъыу къалъытэмрэ къагурыдгъэӏуэнымкӏэ дадэӏэпыкъунырщ«,-къыхигъэщащ» Знание " Урысей зэгухьэныгъэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щиӏэ къудамэм и унафэщӏ Болатов Артур.

11
Фотогалерея