Покров хасэм «семья в приходе» екӏуэлӏапӏэ проектым ипкъ иткӏэ япэ зэӏущӏэр щекӏуэкӏащ, Пятигорск, Черкесск щӏыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и нэфӏ къыщыхуащ.
Екӏуэлӏапӏэм кӏуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ папщӏэ къызэгъэпэщакӏуэхэм ягъэхьэзыращ бжьыхьэ плӏанэпэ зэлъыӏуха. Зэӏущӏэм хэтахэм унагъуэ шхыныгъуэхэр къахьри, зэгъусэу зэманыр хуабэу, ныбжьэгъугъэ яхэлъу ягъэкӏуащ.
Хьэщӏэхэр хэтащ творческэ мастер-классым, кинофильмхэм щыщ уэрэдхэр зэращӏэ викторинэм, лототроным зэрыдэджэгум. Какао пщтыр е фадэ зыхэмыт глинтвейн фалъэ щхьэкӏэ екӏуэлӏапӏэм кӏуэхэр зэпсалъэрти, гитарэм щӏэту уэрэдхэр жаӏэрт. Псом хуэмыдэу псоми ягу къинэжащ «Шы»уэрэдыр зэгъусэу зэрагъэзэщӏар.
Зэӏущӏэм сабийхэмрэ балигъхэмрэ тыгъэ яхуищӏащ зэпсэлъэныгъэм и гуфӏэгъуэмрэ зыр адрейм нэхъыфӏу зригъэцӏыхуну ӏэмал зэраӏэмрэ.