КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ И КЪАЛАЩХЬЭМ ЛЪАПӀЭНЫГЪЭ КЪАХЬАЩ

18.09.2026
Просмотры: 392

Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым Кавказ Ищхъэрэм лъапӏэныгъэшхуэ къахьащ - Тхьэм и бегъымбар Мусэ и лъапIэныгъэм щыщ ӏыхьэ.
Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл и нэфӏ къыщыхуауэ икӏи Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лӏыкӏуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыӏэ Чайкэ Юрий и дэӏэпыкъуэгъуу лъапӏэныгъэр Алыджым и Андрос хытӏыгум щыӏэ Никольскэ псэупӏэм кърашащ.
2026 гъэм фокӏадэм и 16, 17-хэм Налшык къалэм Щихъ Столпник Симеон и члисэм лъапӏэныгъэм щыӏущӏащ Пятигорск епархием и Налшык округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентинрэ благочинием и дин лэжьакӏуэхэмрэ.
Дин-лэжьакӏуэхэм акафистым Тхьэ елъэӏуащ Тхьэм и бегъымбар Мусэ. Тхьэлъэӏум адэкӏэ лъэӏу хэхахэр къыщыӏуащ текӏуэныгъэрэ мамырыгъэрэ Хэкум иратыну, Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм теухуауэ.

392
Фотогалерея