ШКОЛАКӀУЭХЭМ УЭРАМХЭМ Я ТХЫДЭР КЪАЩӀАЩ

17.09.2026
Просмотры: 337

Лермонтовэ къалэм и курыт еджапӏэ № 4-м и еханэ классым щӏэсхэм щаӏущӏащ, къалэр илъэс 70 зэрырикъум теухуауэ. Щӏалэхэм яхутепсэлъыхьащ Лермонтовым и тхыдэм, абы и уэрамхэм, абыхэм ящыщ зыбжанэм зи цӏэхэр зэрахьэ цӏыхухэм.
Зэӏущӏэр иригъэкӏуэкӏащ Лермонтовэ къалэм и администрацэм и архив къудамэм и ӏэщӏагъэлӏ пажэ Литвиновэ Юлэ.
Къалэ администрацэм иригъэблагъэри, школакӏуэхэм яӏущӏащ Лермонтовскэ члисэ округым и благочиннэ протоиерей Фаустов Константин. Щоджэныр тепсэлъыхьащ щихъ Радонежский Сергий и члисэм пэгъунэгъуу щыт Радонежскэ уэрамым икӏи щӏалэхэр щигъэгъуэзащ щихъым и гъащӏэм.
Ди адэ Константин гулъытэ хэха хуищӏащ щихъ Сергий и фӏэщхъуныгъэм, и ӏэсагъэм, и гуащӏэдэкӏым, и шыӏэныгъэм, мамырыгъэр фӏыуэ зэрилъагъум, и гъунэгъухэм ядэӏэпыкъуну зэрыхущӏэкъум. Щоджэным къыхигъэщащ а хьэл-щэнхэм иджырей школакӏуэхэми - еджэнымкӏэ, зэныбжьэгъугъэмкӏэ, къэзыухъуреихьхэм хуаӏэ зэхущытыкӏэхэмкӏэ мыхьэнэшхуэ зэраӏэр.
Псалъэмакъыр щиухым ди адэ Константин щӏалэхэр къыхуриджащ щалъхуа къалэм и тхыдэм нэхъ набдзэгубдзаплъэу хущытыну. Абы яжриӏащ уэрамхэм я цӏэхэр щӏыфӏащам, сыт хуэдэ цӏыхухэмрэ къэхъукъащӏэхэмрэ ягу къагъэкӏыжми, нобэ ирагъэщӏэфынуми егупсысыну.
Апхуэдэ зэӏущӏэхэр школакӏуэхэм ядоӏэпыкъу хэку цӏыкӏум и тхыдэр нэхъыфӏу къащӏэнымкӏэ, абы и блэкӏам и фэеплъым хуэсакъынымкӏэ.

337
Фотогалерея