ШКОЛАКӀУЭХЭМ ЯХУТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ ШЫНАГЪУЭНШАГЪЭМРЭ АКЪЫЛЫФӀАГЪЭМРЭ

16.09.2026
Просмотры: 366

2026 гъэм фокӏадэм и 14-м Старопавловскэ станицэм и школ № 9-м щыӏащ Телъыджэ Къэзыгъэхъу Николай и цӏэр зезыхьэ члисэм и унафэщӏ иерей Вологин Александр.
Щоджэныр школакӏуэхэм епсэлъащ терроризмэм пэщӏэтыным теухуауэ. Ди адэ Александр тепсэлъыхьащ социальнэ сетхэм щызэпсэлъэнкӏэ шынагъуэ зэрыщыӏэм икӏи щӏалэхэр щихъумащ хабзэм къемызэгъ ӏуэхухэм хэзышэну хущIэкъу ямыцӏыхухэм дзыхь зэрыхуамыщӏыным. Абы школакӏуэхэр къыхуриджащ интернетым щызэрыцӏыхуагъащӏэхэм набдзэгубдзаплъэу хущытыну, шэч къызытумыхьэн жэрдэмхэм зыдрамыгъэхьэхыну.
Апхуэдэу щоджэныр тепсэлъыхьащ Усекновения махуэшхуэм и тхыдэм, урысейпсо фадэншэ махуэм абы хуиIэ пыщIэныгъэм. Зэхыхьэм хэтхэр къытеувыIащ цIыхур мыхъумыщIагъэм зэрыдихьэхым, абы кърикIуэхэм. Александр еджакIуэхэм фIэщхъуныгъэм, гуапагъэм, жэуаплыныгъэм яхутепсэлъыхьащ.

 

366
Фотогалерея