2026 гъэм фокӏадэм и 11-м Кисловодск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щыӏащ дзэ операцэ хэхам хэтахэмрэ зауэ щекӏуэкӏ щӏыпӏэм щыӏэ дзэ къулыкъущӏэхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ.
Ставрополь къикӏа хьэщӏэхэр тхьэ елъэӏуащ хэкӏуэда зауэлӏхэм я псэр ягъэпсэхуну хьэдэӏус хуащӏыну. Тхьэлъэӏур щиухым къызэхуэсахэм захуигъэзащ хасэм и клирик протоиерей Грамацкий Андрей. Щоджэным къыхигъэщащ члисэр сыт щыгъуи тхьэ зэрелъэӏуар икӏи Хэкум и хъумакӏуэхэм папщӏэ тхьэ зэрелъэӏунур. Итӏанэ абы къыхилъхьащ зауэ губгъуэм зи гъащӏэр изылъхьа зауэлӏхэр дагъэ гъэнэхуакӏэ ягу къагъэкӏыжыну.
«Святыни земли родной» тхыдэ-лъахэхутэ музейм хьэщIэхэр иригъэблэгъащ Чристэн гимназием и хорым. ЕджакIуэхэм ягъэзэщIащ Хэкум теухуа уэрэд. ХьэщIэхэм музейм зыщаплъыхьащ, соборым теухуауэ щIэ куэд къащIащ, тхьэнапэхэмрэ тхылъхэмрэ ялъэгъуащ, XIX лIэщIыгъуэм и къэзакъ псэукIэм теухуахэри къызэщIиубыдэу. Зэӏущӏэр щиухым хьэщӏэхэм шэджагъуашхэ шхапӏэм щрагъэкӏуэкӏащ. Къалэм и зыгъэпсэхупIэм кIуэри я нэгу зыщрагъэужьащ.