Новопавловск щагъэлъэпӏащ Тэрч къэзакъыдзэм и махуэр.
Гуфӏэгъуэхэм хэтащ апостол лъапӏэхэу Пётррэ Павелрэ я члисэм и унафэщӏ иерей Гордин Александр.
Зэхыхьэм хэтахэм шы зэпрыкӏыпӏэ ящӏащ. Абы иужькӏэ ди адэ Александр фӏыщӏэ тхьэлъэӏурэ хьэдэӏусрэ яхуищӏащ Хэкум, чристэн диным хуэлэжьа тэрч къэзакъхэу дунейм ехыжахэм.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, щоджэныр къэзакъхэм ехъуэхъуащ псэм и быдапӏэр, зэкъуэтыныгъэр, мамырыгъэр, Тхьэм и дэӏэпыкъуныгъэр къулыкъум щаӏыгъыну.
Махуэшхуэм хэтхэм ягу къигъэкӏыжащ Тэрч къэзакъхэм я лӏыхъужь тхыдэр, къэзакъхэм я щӏэблэщӏэхэр зыхъумэ и псэкупсэ, хэкупсэ хабзэхэр.