НАЛШЫК ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ ТЕРРОРИЗМЭМ ПЭЩӀЭТЫНЫМ

06.09.2026
Просмотры: 477

2026 гъэм фокӏадэм и 3-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм щекӏуэкӏащ «Терроризмэм пэщӏэтынымкӏэ граждан жылагъуэм иӏэ мыхьэнэр» стӏол хъурейр.
Зытепсэлъыхьым хэтащ Пятигорск, Черкесск епархием и Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин.
Зэӏущӏэр иригъэкӀуэкӀащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщӏ Берд Хьэзрэтали.
Зэхыхьэм хэтахэр тепсэлъыхьащ щӏалэгъуалэм экстремизмэр къамыгъэхъуным, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр хабзэхъумэ ӏэнатӏэхэм ядэлэжьэным, зэӏыхьэныгъэ идеологием пэщӏэтынымкӏэ хэкупсэ гъэсэныгъэм иӏэ мыхьэнэм.

477