ИНТЕРНАТЫМ И НЭӀЭМ ЩӀЭТХЭМ ЕХЪУЭХЪУАЩ ИКӀИ МАХУЭШХУЭМ ТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

21.08.2026
Просмотры: 244

2026 гъэм шыщхьэуӏум и 19-м, Зиусхьэну Тхьэр Зэхъуэкӏыным, Ди Хьисэ Мэссихь Къегъэлыным и махуэшхуэм, Налшык и хасэхэм махуэшхуэ тхьэлъэӏухэр щрагъэкӏуэкӏащ.

Тхьэлъэӏу литургие нэужьым дин лэжьакӏуэхэр щыӏащ жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ папщӏэ Налшык дэт унэ-интернатым. Абыхэм я нэӏэм щӏэтхэм пхъэщхьэмыщхьэ къыхуашащ, тхьэлъэӏу ирагъэкӏуэкӏащ, пхъэщхьэмыщхьэхэр ягъэлъэпӏащ икӏи интернатым щыпсэухэм ехъуэхъуащ Зиусхьэным и махуэшхуэмкӏэ.

 

244
Фотогалерея