СЫМАДЖЭХЭМ ЕХЪУЭХЪУАЩ ЗЭРЫЗАХЪУЭЖАМКӀЭ

21.08.2026
Просмотры: 248

2026 гъэм шыщхьэуӏум и 19-м, Зиусхьэным зэрызихъуэжам и махуэшхуэм, Ессэнтӏыгу къалэм и Къэзан члисэм и унафэщӏ щоджэн Шмылик Олег Ессэнтӏыгу къалэм и сабий сымаджэщым щыӏащ.

Щоджэным узыншагъэм теухуа тхьэлъэӏу иригъэкӏуэкӏащ икӏи пхъэщхьэмыщхьэхэр игъэлъэпӏащ. Ди адэ Олег сымаджэщым и унафэщӏхэмрэ лэжьакӏуэхэмрэ, сымаджэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ ехъуэхъуащ Зиусхьэным Зэрызихъуэж махуэшхуэмкӏэ. Ар тепсэлъыхьащ махуэшхуэм и тхыдэмрэ абы епха члисэ хабзэхэмрэ.

Зэӏущӏэр щиухым сабийхэм хуагуэшащ мыӏэрысэ гъэнэхуахэмрэ фомрэ.

 

248
Фотогалерея