«МАШУК» - М ЩЕКIУЭКIАЩ ФӀЭЩХЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУА ПСАЛЪЭМАКЪ

13.08.2026
Просмотры: 596

«Машук» eрысейпсо егъэджэныгъэ центрым щекӏуэкӏащ щӏалэгъуалэ зэхуэсым хэтхэмрэ Пятигорск благочинием и клирик Хлынов иерей Кириллрэ я зэӏущӏэ.
Щоджэныр хэтащ гъащӏэм щытыкӏэ гугъу ихуа ныбжьыщӏэхэм ядэӏэпыкъуным теухуа «зэхъуэкӏыныгъэхэм я гъуэгугъэлъагъуэхэр» псалъэмакъым. Ди адэ Кирилл щӏэблэщӏэм зэрадэлажьэмкӏэ къыддэгуэшащ, гъащӏэм мыхьэнэшхуэ щызиӏэ гъуазэхэмрэ цӏыхум и гъащӏэм фӏэщхъуныгъэм щиӏэ мыхьэнэмрэ тепсэлъыхьащ.
Зэӏущӏэ нэужьым Урысейм и щӏыналъэ зэмылӏэужьыгъуэхэм къикӏауэ форумым хэтхэм щоджэным епсэлъэным пащащ. Абыхэм я къалэхэм члисэ гъащӏэм щытепсэлъыхьащ икӏи псэкупсэ гъащӏэм теухуа упщӏэхэр ятащ.

596