ПРОХЛАДНЭМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ ЧЛИСЭМ И ТХЫДЭМ

10.08.2026
Просмотры: 461

2026 гъэм шыщхьэуӏум и 9-м КъБР-м хыхьэ Прахладнэ Къалэм и Никольскэ члисэм «Православие на Прохладненской земле» грант проектым хыхьэу щекӏуэкӏащ «120 лет из жизни Никольского храма» лекцэр.
Абы едаӏуэхэм Прохладнэ щӏыналъэм чыристэн диным и тхыдэм зыщагъэгъуэзащ. Абыхэм яхутепсэлъыхьащ Малкэ псыежэхым и ӏуфэм ӏус япэ жылагъуэхэмрэ япэ пхъэ члисэр зэраухуамрэ.
Темэ щхьэхуэ хъуащ мафӏэсым игъэкӏуэда етӏуанэ члисэм и къекӏуэкӏыкӏар. Зэӏущӏэм хэтахэми къащӏащ иджырей мывэ Никольскэ члисэр зэраухуам и тхыдэр.
Лекцэм едэӏуахэм ар сэбэп яхуэхъуащ щалъхуа щӏыналъэм и тхыдэм хэгъуэзэнымкӏэ, абы и чристэн щӏэинхэм теухуауэ нэхъыбэ къащӏэнымкӏэ.

461
Фотогалерея