СТАРОПАВЛОВСКЭМ ВОЛОНТЁРХЭМ ФӀЫЩӀЭ ЩЫХУАЩӀАЩ

10.08.2026
Просмотры: 454

2026 гъэм шыщхьэуӏум и 8-м Старопавловскэ станицэм щекӏуэкӏащ «Упсэу» ӏуэхур. Абы зэкъуигъэуващ дзэ операцэ хэхам хэтхэм зэпымыууэ ядэӏэпыкъу волонтёрхэр.
Ар къызэрагъэпэщащ СВО-м хэт Яковенкэ Виталий, станицэм и администрацэм щыщхэм, «Торнадо» мотоклубым хэтхэм. Цӏыхухэмрэ хьэщӏэхэмрэ папщӏэ концерт программэрэ махуэшхуэ шхыныгъуэрэ ягъэхьэзыращ.
Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкӏэ захуигъэзащ Никольскэ члисэм и унафэщӏ иерей Вологин Александр. Зэӏущӏэм хэтахэм хэкӏуэда зауэлӏхэм «Мыкӏуэдыжын фэеплъ» хужаӏэри, псэухэм я узыншагъэм папщӏэ тхьэ елъэӏуащ.
Старопавловскэ станицэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаманым волонтёрхэм яритащ медалхэмрэ фӏыщӏэ тхылъхэмрэ. Абы фӏыщӏэ яхуищӏащ зауэлӏхэм зэпымыууэ зэрадэӏэпыкъум, фронтым зэрызыщӏагъакъуэм папщӏэ.

454
Фотогалерея