Благочиннэр хэтащ советым и зэӏущӏэм

04.07.2026
Просмотры: 6

Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин Хэтащ Цӏыхум и хуитыныгъэхэмкӏэ Уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыӏэм И Деж Щыӏэ Эксперт советым и зэӏущӏэм.Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ къапэщылъ хэхыныгъэхэм хэхакӏуэ ӏуэхум хэтхэм я хуитыныгъэхэр къыщызэгъэпэщыным, урысейм И УФСИН-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиӏэ ӏуэхущӏапӏэхэм пробацэм теухуа федеральнэ законым къигъэувхэр гъэзэщӏэным.

И кӏэм Эксперт советым хэтхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цӏыхум и хуитыныгъэхэмкӏэ И Уполномоченнэ Зумакулов Борис Ехъуэхъуащ Невский Александр и орденыр къызэрыхуагъэфэщамкӏэ. Къэрал саугъэт лъагэр абы къыхуагъэфэщащ къэралым и пащхьэм щиӏэ фӏыщӏэшхуэхэм, илъэс куэдкӏэ хьэлэлу зэрылажьэм, хабзэр гъэбыдэным, цӏыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ хъумэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищӏам папщӏэ.

6