СВО-М хэтхэм я унагъуэхэм Ягъэлъэпӏащ Урысейм и Махуэр

15.06.2026
Просмотры: 7

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м, Урысейм и Махуэм, Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щаӏэ Комитетым Черкесск И Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и дин лэжьакӏуэхэм ящӏыгъуу къалэм и кӏапсэ паркым дзэ операцэ хэхам хэтхэм я унагъуэхэм папщӏэ махуэшхуэ иригъэкӏуэкӏащ. Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм я Комитетым и псэкупсэ гъэсакӏуэ иерей Гурин Александр хэтхэм яхутепсэлъыхьащ псэкупсэ лъапӏэныгъэхэм, Урысейм и тхыдэм, абы и щӏыпӏэ дахэхэм, ди лъэпкъэгъу цӏэрыӏуэхэм. Итӏанэ сабийхэмрэ балигъхэмрэ жэуап иратащ Урысейм и Махуэм теухуа викторинэм и упщӏэхэм. Хьэщӏэхэм папщӏэ ягъэхьэзыращ гипс пкъыгъуэхэр сурэт щӏынымкӏэ, къэрал дамыгъэхэр щӏынымкӏэ мастер-классхэр. Хэтахэми гугъуехь зэхуэмыдэхэр зиӏэ кӏапсэ гъуэгухэр зэпачащ, спорт джэгухэр ягъэджэгуащ. Махуэшхуэр псоми я зэхуэдэ шхэгъуэкӏэ иухащ.

7
Фотогалерея