"Дыгъафӏэ къалэ цӏыкӏум" лэжьэн щыщӏидзащ гъэмахуэ инклюзивнэ зыгъэпсэхупӏэ форумым и утыкум.
Форумым хэтащ центрым и гъэсэнхэмрэ Тхьэм и Анэм и «Всех скорбящих Радость» тхьэнапэм и сымаджэщ члисэм и тхьэмахуэ школым щеджэхэмрэ.
Къызэӏуахыну къэкӏуащ «Солнечный городок»-м и ныбжьэгъухэр - фадэмрэ тутынымрэ кӏэлъыплъынымкӏэ Федеральнэ къулыкъущӏапӏэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиӏэ Щӏыналъэ Зэхуаку управленэм и лэжьакӏуэхэр.
Центрым и унафэщӏым хьэщӏэхэм фӏыщӏэ тхылъхэр яритащ гъэмахуэ форумым зэрызыщӏагъакъуэм папщӏэ икӏи «Дыгъафӏэ къалэ цӏыкӏум» зыщригъэплъыхьащ.
Форумым и япэ махуэр ӏэнэ ӏэфӏым щызэпсалъэурэ иухащ.