НАЛШЫК ЩАГЪЭЛЪЭПӀАЩ СЛАВЯН ТХЫБЗЭМ И МАХУЭР

25.05.2026
Просмотры: 64

2026 гъэм накъыгъэм и 22-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Мэлбахъуэм и цӏэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм Налшык щекӏуэкӏащ Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэмрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсымрэ теухуа узэщӏыныгъэ зэӏущӏэ.

Зэӏущӏэм хэтащ Налшык къалэм апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цӏэр зезыхьэ члисэм и щоджэн иерей Осипов Константин, республикэм и властым и органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, дин лэжьакӏуэхэм я лӏыкӏуэхэр, Налшык и школхэм я класс нэхъыжьхэм щӏэсхэр.

КъБР-м лъэпкъ ӏуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкӏэ и министерствэм библиотекэр и дэӏэпыкъуэгъуу зэӏущӏэ къызэригъэпэщащ. Абы хэтахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэгурыӏуэныгъэр хъумэным, урысыбзэр лъэпкъ зэпсэлъэныгъэм и бзэу дэӏыгъыным.

 

64