НАЛШЫК КЪЫЩЫЗЭӀУАХАЩ ЩӀАЛЭГЪУАЛЭ ФОРУМ

21.05.2026
Просмотры: 273

Налшык округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин къыщыпсэлъащ Налшык къалэм щекӏуэкӏа «Урысей — ди зэхуэдэ унэ» щӏалэгъуалэ форумыр къыщызэӏуахым.
Форумыр къызэригъэпэщащ Ӏимам Абу Хьэнифэ и цӏэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым, ислъам щэнхабзэр, щӏэныгъэр, егъэджэныгъэр дэӏыгъынымкӏэ Фондыр и дэӏэпыкъуэгъуу. Ар гъэхьэзырыным хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муслъымэнхэм я Дин ӏуэхущӏапӏэр, Пятигорск къэрал университетым и хабзэ урысей псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр хъумэнымрэ гъэбыдэнымкӏэ и Центрыр, Бэрбэч Хьэтӏутӏэ и цӏэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр.
Форумым хыхьэу йокӏуэкӏ «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымкӏэ, террорист идеологием пэщӏэтынымкӏэ дин зэгухьэныгъэхэм я Хъугъуэфӏыгъуэхэр» зэхыхьэр.

273