2026 гъэм накъыгъэм и 6-м Ессэнтӏыгу къалэм Щихъым и члисэм и унафэщӏ иерей Букарев Андрей диӏыгъащ «фэеплъ Жыг хадэ»Урысейпсо ӏуэхур. Школ №4-м деж сиренэм и аллее щыхасащ Хэкум и хъумакӏуэхэм я фэеплъу.
Щӏидзэн и пэ къихуэу щоджэным къыхигъэщхьэхукӏащ «фэеплъ Жыг хадэ» ӏуэхум щӏыналъэр зэӏузэпэщ щӏынымкӏэ ӏуэхуфӏу зэрыщытым и мызакъуэу, цӏыхухэм яку дэлъ мамырыгъэмрэ зэгурыӏуэныгъэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраӏэр уигу къэбгъэкӏыжу мыхьэнэ хэха зэриӏэр. Андрей и адэм зэрыжиӏэмкӏэ, апхуэдэ акцэхэр сэбэп мэхъу лъэпкъым зэрихьа лӏыгъэм и фэеплъыр хъумэнымкӏэ, Хэкум хуиӏэ лъагъуныгъэр ягъэбыдэ, щӏэблэхэм зэпыщӏэныгъэ хуаӏэщ.