Пятигорск Железноводск къалэм и Покров члисэм и щоджэн иерей Тарнакин Андрей Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и студентхэм щаӏущӏащ. Абы утыку кърихьащ «наркотикхэм псэкупсэ, щэн-хабзэ я лъэныкъуэкӏэ зэран зэрахуэхъум теухуауэ»докладыр. Ди адэ Андрей къыхигъэщхьэхукӏащ щхьэхуимытыныгъэм цӏыхум и ӏэпкълъэпкъым и узыншагъэм и мызакъуэу, и кӏуэцӏ дунейри зэрызэтрикъутэр, гъащӏэм, щхьэхуитыныгъэм, цӏыхугъэ унэтӏыныгъэхэм я мыхьэнэр зэрыӏэщӏихыр. Щоджэным гулъытэ хэха хуищӏащ псэкупсэ жэуаплыныгъэм, унагъуэмрэ жылагъуэмрэ щхьэхуимытыныгъэхэр къэмыгъэхъунымкӏэ яӏэ мыхьэнэм, щӏалэгъуалэм гъащӏэ лъапӏэныгъэ быдэхэр къахузэгъэпэщыным и мыхьэнэм.
Зэӏущӏэм АПХУЭДЭУ хэтащ ФСИН-м и лэжьакӏуэхэр, МВД-мрэ «Генезис»реабилитацэ центрымрэ я лӏыкӏуэхэр. Ӏэщӏагъэлӏхэм я зэфӏэкӏымкӏэ къыддэгуэшащ щхьэхуимытыныгъэм ӏууа цӏыхухэм, тепсэлъыхьащ профилактикэм и ӏэмалхэмрэ реабилитацэм и ӏэмалхэмрэ.