2026 гъэм гъатхэпэм и 26-м Пятигорск къалэм и Покров члисэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ, УФ-м и Лъэпкъ гвардиер къызэрыунэхурэ илъэс 215-рэ зэрырикъум теухуауэ. ТхьэлъэIум хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и Росгвардием и 244-нэ батальон щхьэхуэм къулыкъу щызыщIэхэр.
ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин.