МАРУХА КЪУАЖЭМ И ЧЛИСЭМ ЩОДЖЭНЫМ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ КЪУЛЫКЪУР

15.03.2026
Просмотры: 687

2026 гъэм гъатхэпэм и 14-м, дунейм ехыжахэр ягу къыщагъэкIыж махуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ КъШР-м и Маруха къуажэм и Къэзан члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн Якушев Александр, члисэм и унафэщI иеромонах Александр (Емельянов), епархием и щIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Вдовин Владимир, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Кубань къэзакъыдзэм и Баталпашинскэ къудамэм и къэзакъхэр, къуажэдэсхэр.

ТхьэлъэIум архиепископ Феофилакт иеромонах Александр тхьэлъэIу дамыгъэр щритыжащ. Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ ар хуит ящIащ гъэдэха жорыр зэрихьэну.

Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи къулыкъур иригъэкIуэкIащ.

А махуэм архиерейм щоджэнхэм я гъусэу зыхигъэгъуэзащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Маруха-2026» гъэмахуэ зэхуэсым.

687
Фотогалерея