Черкесск щытепсэлъыхьащ щӏалэгъуалэм я лъэпкъ зэгурыӏуэныгъэмрэ псэкупсэ-щэнгъасэ гъэсэныгъэмрэ ехьэлӏа ӏуэхухэм

23.11.2026
Просмотры: 53

Черкесск къалэм и Индустриально-технологие колледжым студентхэм щаӏущӏащ, тэмакъкӏыхьагъым и Дунейпсо махуэм теухуауэ.
Зэхыхьэм хэтащ КъШР-м лъэпкъ ӏуэхухэмкӏэ, цӏыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымкӏэ и министерствэм, щӏалэгъуалэм я ӏуэхухэмкӏэ министерствэм, егъэджэныгъэмрэ щӏэныгъэмкӏэ министерствэм я лӏыкӏуэхэр, хабзэхъумэ ӏэнатӏэхэм я лэжьакӏуэхэр, дин лэжьакӏуэхэмрэ психологымрэ.
Зэӏущӏэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, дин зэхуэмыдэхэм ит цӏыхухэм пщӏэ яхуэщӏыным, зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыӏуэныгъэмрэ жылагъуэм щыхъумэным мыхьэнэшхуэ зэриӏэм.
Студентхэм яхутепсэлъыхьащ буллинг зэрымыхъунум, къэзыухъуреихьхэм, социальнэ сетхэри яхэту, икӏагъэу зэрахущытым. Зэӏущӏэм хэтахэр къыхураджащ я ӏуэхущӏафэхэм жэуаплыныгъэ яхэлъу хущытыну, пщӏэ зэхуащӏыну, зэгурыӏуэныгъэм хущӏэкъуну.
Зэхыхьэм хэтащ Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн иерей Гурин Александр. Самарян гущӏэгъулым теухуа инджылым и щӏагъыбзэм и щапхъэкӏэ къыщыпсалъэм ди адэ Александр щытепсэлъыхьащ и гъунэгъур фӏыуэ зэрилъагъур чристэн зэхэщӏыкӏым икӏи къыхигъэщхьэхукӏащ дэтхэнэ цӏыхуми гущӏэгъу хэлъу, пщӏэ хуищӏу зэрыхущытым мыхьэнэшхуэ зэриӏэр.

53
Фотогалерея